Wednesday, June 25, 2014

Али-Бэрдыкъуэ деж къызэIуахащ адыгэ тхыдэ-этнографие музей


Къэрэшей-Шэрджэсым и Али-Бэрдыкъуэ къуажэм деж къызэIуахащ адыгэ тхыдэ-этнографие музей, Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэепль –комплексым хэтыу. Абы и теплъэр пасэрей пщIантIэу гъэпсащ, адыгэ унэри дэту. Унэ кIуэцIым и лъэгур ятIагъуэкIэ къищIыкIауэ, зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIи узэдащ. 

Мыбдеж щыплъагъунущ нысащIэ лэгъунэри, хьэщIэщри.
Сурэт гъэлъэгъуапIэу яухуащ зы пэшышхуэ. Абы и фIэщыгъэцIэр «Кавказыр е -19-нэ лIыщIыгъуэм псэуа сурэтыщIхэмкIэ». 

Хуитыныгъэ Радио, Кушпэ Маринэ, Хьэбэз куей, Али-Бэрдыкъуэ къуажэ